Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 9:47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

47-48 Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыж. Уи нитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 9:47
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уи нитӀыр уиӀэу, жыхьэнмэм и мафӀэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.


Уи Ӏэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀыж. Уи ӀитӀыр уиӀэу, цӀыхул зышх хьэпщхупщ ажалыншэхэмрэ мафӀэ мыункӀыфӀыжымрэ здэщыӀэ жыхьэнмэм укӀуэ нэхърэ, уӀэшэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.


Куэду фыкъысщыгуфӀыкӀащ. ФлъэкӀыну щытатэмэ, фи нэхэр къифтхъыу къызэфтыным хуэдэт – абы щыхьэт сытохъуэ.


– Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым.


Илъэгъуащ цӀыхубзым жыг пхъэщхьэмыщхьэр шхыныгъуэкӀэ зэрыфӀыр, ар нэхэм зэрафӀэдахэр икӀи зэрыхъуэпсэгъуэр, щӀэныгъэ къызэрыуитым къыхэкӀкӀэ; къыпичщ абы и пхъэщхьэмыщхьэхэри, ишхащ, илӀми иритри, абыи ишхащ.


– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.


– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ