38 – Дин егъэджакӀуэ, лӀы гуэрым уэ уи цӀэкӀэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – къыжриӀащ Иуан Хьисэ. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ дгъэувыӀэну дыхэтащ.
НтӀэ, сэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр Велзевул и къарукӀэ щахэсхукӀэ, фэ фи цӀыхухэм жин бзаджэхэр зэрыхахужыр хэт и къарукӀэ? Аращи, фэ фи цӀыхухэрщ фызыгъэкъуэншэнур.
– ФымыгъэувыӀэ ар, – жиӀащ Хьисэ, – сэ си цӀэкӀэ Ӏуэху телъыджэ зыщӀэр и ужькӀэ ӀейкӀэ къысхуэпсэлъэн лъэкӀынукъыми.
Мы нэщэнэхэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ядэфлъагъунущ: Сэ си цӀэкӀэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр къыхахунущ; ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэнущ;