34 Абыхэм зыри жаӀакъым, гъуэгу щытетым, «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ ахэр зэдэуати.
Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым.
– Шыгъур фӀыщ, атӀэ шыгъум и гуащӀэр хэкӀмэ, абы ар дауэ зэрыхэфлъхьэжынур? Шыгъум и гуащӀэр зивгъыӀэ, фызэгурыӀуэу фызэдэпсэу.
Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – тепсэлъыхьырт и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.