Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 9:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 9:32
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

АрщхьэкӀэ Хьисэ яжриӀа псалъэхэм щыщу зыри къагурыӀуакъым и гъуэгу ирикӀуэхэм. А псалъэхэм къарыкӀыр ящыбзыщӀауэ щытащ, Хьисэ абыхэм къригъэкӀари зэхащӀыкӀакъым.


Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.


Ауэ абыхэм щӀалэм яжриӀа псалъэр къагурыӀуакъым.


Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ: – «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ?


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.


А псалъэхэр я гум къинащ икӀи «ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжыху жыхуиӀам къригъэкӀар сыту пӀэрэ Хьисэ?» жаӀэурэ зэупщӀыжащ ахэр.


Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу.


ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,


Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.


Хьисэ зыкъригъэзэкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэурэ, Петр егиящ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщ.


– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ