29 – Мыпхуэдэ лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэкӀэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым.
фӀэщхъуныгъэ яӀэу Тхьэм зэрелъэӀум щхьэкӀэ сымаджэр хъужынущ. Зиусхьэным ар къызэфӀигъэувэжынущ. Гуэныхь ищӀами, къыхуигъэгъунущ.
– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.
А банэр схихыжыну Зиусхьэным щэнейрэ селъэӀуащ.
Куэду сызэрылэжьам сригъэшащ, сымыжейуэ жэщ куэд згъэкӀуащ; сымэжэлӀащ, псыи сыхуэлӀащ, шхын щызмыгъуэт куэдрэ къысхуихуащ; дунейр щыщӀыӀэми, ирикъуну зыщыстӀэгъэн симыӀэу сыщытащ.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэ, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.
Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.
Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.
даубэрэжьми, лъэхъуэщым дыщӀадзауэ дыщӀэсми, хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэми, дешми, жей дыхуэныкъуэми, дымэжалӀэми;
– Апхуэдэ жин лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэ фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым, – щӀигъужащ Хьисэ.
Хьисэ унэ гуэрым щыщӀыхьэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къэнати, къеущӀащ абы и ужькӀэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?
Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей хэкум кӀуэцӀрыкӀащ. Ахэр здэщыӀэр зыми къищӀэну Хьисэ хуейтэкъым,