23 – «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.
ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.
Пэжыр нывжызоӀэ, зыгуэрым и гум шэч къримыгъыхьэу, жиӀэр къэхъункӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэу, мы Ӏуащхьэм «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жриӀэмэ, ар къехъулӀэнущ.
– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.
Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум,
– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.
ЩӀалэм и адэм макъышхуэкӀэ жиӀащ асыхьэтым: – Си фӀэщ мэхъу. Си фӀэщмыхъуныгъэм сытекӀуэну къыздэӀэпыкъу.
– КъакӀуэ! – жиӀащ Хьисэ. Петр кхъуафэжьейм къикӀри, псы гущӀыӀум тету, Хьисэ деж кӀуэну ежьащ.