22 – Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.
Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!
– Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кӀуэжи, Зиусхьэным фӀыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлӀамрэ гущӀэгъу къызэрыпхуищӀамрэ яжеӀэ, – жиӀащ Хьисэ, ар хуимыдэу.
ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ.
Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?
Хьисэ унэм щӀыхьа нэужь, а лӀы нэфитӀыр къыбгъэдыхьащ. Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – Сэ ар сщӀэн зэрыслъэкӀынур фи фӀэщ хъурэ? – Ди фӀэщ мэхъу, зи щӀыхь ин, – жаӀащ абыхэм.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.
– Сыт лъандэрэ щыт мыр мыпхуэдэу? – еупщӀащ Хьисэ щӀалэм и адэм. – ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ, – жиӀащ щӀалэм и адэм.
– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.