Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 9:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 ЩӀалэр Хьисэ къыхуашащ. Жин бзаджэм, Хьисэ зэрилъагъуу, щӀалэр къигъэкӀэзызащ. Тхъурымбэр къыжьэдэхуу щӀым къытеджалэри, укӀуриящ щӀалэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 9:20
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Жин бзаджэм лӀыр игъэкӀэзызщ, макъышхуэкӀэ къыхэкӀийри, лӀым хэкӀыжащ.


– Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.


Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.


Жин бзаджэр ину къэкӀийщ, щӀалэр хуабжьу игъэкӀэзызри, абы хэкӀыжащ. ЩӀалэр хьэдэм хуэдэ хъуати, цӀыхухэм ящыщ куэдым «Ар лӀащ», жаӀэрт.


Жин бзаджэр щӀалэм къыхыхьэху, абы щӀым зыхрегъадзэ. Тхъурымбэ къыжьэдэхуу, и дзэхэри зэригъэшхыу зэщӀокӀэзызэ. Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуащ жин бзаджэр щӀалэм къыхахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.


– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


– Сыт лъандэрэ щыт мыр мыпхуэдэу? – еупщӀащ Хьисэ щӀалэм и адэм. – ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ, – жиӀащ щӀалэм и адэм.


ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ