17 ЦӀыху гупышхуэм хэт гуэр къахэпсэлъыкӀри, къыжриӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, сэ си щӀалэр бзагуэ зыщӀа жин бзаджэм иӀыгъти, къыпхуэсшащ.
Бзагуэ гуэрым и бзэр зубыда жин бзаджэр хихужат Хьисэ. Жин бзаджэр хэкӀыжа нэужь, бзагуэу щыта цӀыхур къэпсэлъэжащ. ЦӀыхухэм ягъэщӀэгъуащ ар.
ЦӀыху гупышхуэ къызэхуэсу щилъагъум, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жриӀащ: – Уэ, цӀыхухэр бзагуэ икӀи дэгу зыщӀ жин бзаджэ, унафэ ныпхузощӀ, мы щӀалэм хэкӀыжи, зэи ухэмыхьэж.
Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ. – КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ.
А цӀыху гупышхуэм лӀы гуэр къахэгуоукӀащ асыхьэтым: – Дин егъэджакӀуэ, си къуэм укъысхуеплъыну сынолъэӀу, а къуэ закъуэрщ сиӀэр.
ЦӀыхухэм я сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт трагъэӀэбэну, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадакъым.
А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.
быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!
жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.
Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы нэф икӀи бзагуэ гуэр Хьисэ деж къашащ цӀыхухэм. Хьисэ лӀым и бзэр къригъэутӀыпщыжьащ, и нэхэри къригъэплъэжащ.
Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ унэм къыщыщӀэкӀыжым, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашащ.
– Абыхэм фащӀедауэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
Жин бзаджэр щӀалэм къыхыхьэху, абы щӀым зыхрегъадзэ. Тхъурымбэ къыжьэдэхуу, и дзэхэри зэригъэшхыу зэщӀокӀэзызэ. Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуащ жин бзаджэр щӀалэм къыхахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.