30 Ар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ.
Езыр зэры-Мэссихьыр зыми хуамыӀуэтэну Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ.
Ар зэры-Мэссихьыр зыми жрамыӀэну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ быдэ яхуищӀащ абы щыгъуэ.
Бгым къыщехыжым, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ.
Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Жылэм удэмыхьэж икӀи зыми зыри хуумыӀуэтэж. ИтӀанэ и унэм кӀуэжыну иутӀыпщыжащ ар Хьисэ.
Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.
ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.