Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 8:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 – Зыри къывгурымыӀуэу ара иджыри? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 8:21
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыту жыпӀэмэ ерыщ екӀуати, Хьисэ Ӏуэху телъыджэу щӀакхъуэхэмкӀэ илэжьар къагурыӀуэн ялъэкӀатэкъыми.


Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ: – Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым.


ЕкӀугъэм фытету зыкъэфщӀэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикӀ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зымыщӀэ цӀыху гуэрхэр къыфхэтщ. ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, жызоӀэ ар.


ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэ, ар вжызоӀэ. Къуэшхэм я зэдауэ ӀуэхумкӀэ хьэкум зыщӀэн зылъэкӀын, акъылыфӀагъэ зиӀэ гуэр къыфхэткъэ?


– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?


– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – ЩӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт? Зыри зэхэвмыщӀыкӀыу икӀи къывгурымыӀуэу ара иджыри? Апхуэдизу щхьэ фыерыщ?


«Гурымыкъыу фыщымыт, фи адэжьхэм Мэрыбэ деж, Массэ губгъуэ нэщӀым деж зэрыщащӀэгъам хуэдэу.


Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ