2 Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, дзэкъэгъуэ яӀухуакъым.
Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ.
Уи лъагапӀэм ущыӀэу бгыхэр уогъэнщӀ, Уэ уи ӀэщӀагъэхэм я фӀыгъэкӀэ щӀым зегъэнщӀ.
Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ.
Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.
ИтӀанэ зиӀэтыжри, и адэм деж кӀуэжыну ежьэжащ итӀанэ. – Адэм и къуэр къэкӀуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щӀэгъущ, жэри, Ӏэплъэ иришэкӀыу, ба хуищӀу щӀидзащ.
Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!
– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.
Хьисэ кхъуафэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, а цӀыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящӀэгъуащ икӀи Ӏуэхугъуэ куэд яригъащӀэу щӀидзащ.
– Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кӀуэжи, Зиусхьэным фӀыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлӀамрэ гущӀэгъу къызэрыпхуищӀамрэ яжеӀэ, – жиӀащ Хьисэ, ар хуимыдэу.
Абы гущӀэгъу хуищӀу и Ӏэр ишийщ, теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ хъуж!
ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ.
Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.
нэфхэр къегъэплъэж Зиусхьэным, къиным иухуахэр зыпкъ ирегъэувэж Зиусхьэным; къыхуэщыпкъэхэр фӀыуэ елъагъу Абы.
Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.
Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.
МэжалӀэу сутӀыпщыжмэ, гъуэгум текӀуэдэнущ, жыжьэ къикӀахэри яхэтщи.