Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 8:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 8:15
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ.


Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ:


Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,


А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.


Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.


ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.


Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат. Абы ар къызэришэжам щхьэкӀэ, Иуан Ирод жриӀэрт: «Уи къуэшым и фыз къэпшэжыныр хабзэм къезэгъыркъым». Иродиадэ и лъэӀукӀэ Ирод и зауэлӀхэм Иуан яригъэубыдщ, Ӏэхъулъэхъу ярыригъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ абы и ужькӀэ.


Ирод къыщалъхуа махуэр щагъэлъапӀэм, Иродиадэ и пхъур зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыфащ икӀи ар пщы Ирод игу ирихьащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яхурикъун щӀакхъуэ къыздащтатэкъым, ящыгъупщэри. Кхъуафэжьейм илъыр зы щӀакхъуэт, афӀэкӀа къыздащтатэкъым.


– ЩӀакхъуэ диӀэкъыми, аращ абы апхуэдэу щӀыжиӀэр, – жаӀэурэ, тепсэлъыхьырт Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а Ӏуэхум.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ