13 Ахэр къигъанэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэжри, Хьисэ гуэлым зэпрыкӀыжащ абы и ужькӀэ.
Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.
Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ аргуэру: – Сэ сыфхэкӀыжынущ, фэри сыкъэфлъыхъуэнущ, ауэ фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ. Сэ сыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым.
Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.
– Абыхэм я ужь фикӀ. Мы фарисейхэр цӀыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тӀури мащэм ихуэнущ.
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ: – Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яхурикъун щӀакхъуэ къыздащтатэкъым, ящыгъупщэри. Кхъуафэжьейм илъыр зы щӀакхъуэт, афӀэкӀа къыздащтатэкъым.
Адрамит къалэм щыщу Асие хэкум и хы Ӏуфэм Ӏут къалэхэм кӀуэн хуей кхъухьым дитӀысхьэри, абдежым дыщежьащ. Македоние хэкум ит Фессалоникэ къалэм щыщу Аристарх зи цӀэр ди гъусэт.