27 – Сабийхэм зегъэгъэнщӀ япэщӀыкӀэ, – жриӀащ Хьисэ а цӀыхубзым. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сабийхэм щӀакхъуэр къаӀэщӀэпхыу, хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.
– «КӀуэ», къызжиӀащ Зиусхьэным. «Хамэ лъэпкъхэм я деж жыжьэ узгъэкӀуэнущ».
А апостол пщыкӀутӀыр щригъажьэм, мыпхуэдэ унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – Хамэ лъэпкъхэм я деж фымыкӀуэ, Самарие хэкум щыщ къалэ гуэри фыдэмыхьэ.
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.
Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ.
А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.
– Пэжщ, Зиусхьэн, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – ауэ Ӏэнэ щӀагъым щӀэс хьэхэми яшх сабийхэм къаӀэщӀэхуа щӀакхъуэ щыкъуейхэр.