Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 7:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 7:24
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.


Апхуэдэу, фӀыщӀагъэхэри нэрылъагъущ. Нэрылъагъуу щымыт фӀыщӀагъэхэри щӀэуфэ хъунукъым.


Хьисэ унэм щӀыхьа нэужь, а лӀы нэфитӀыр къыбгъэдыхьащ. Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – Сэ ар сщӀэн зэрыслъэкӀынур фи фӀэщ хъурэ? – Ди фӀэщ мэхъу, зи щӀыхь ин, – жаӀащ абыхэм.


КъэнаӀан къытехъукӀащ: абы и щыпэлъху Цыдон, Хет,


Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.


Зэбулун щыпсэунущ хы Ӏуфэм, кхъухь тедзапӀэм, абы и гъунапкъэхэри нос Сидон къалэм.


Аращи, КъэнаӀан цӀыхухэм я гъунапкъэхэр нэсырт Цыдон къыщыщӀэдзауэ ГъэраркӀэ хуэкӀуэ Газэ нэс, абы къыщыщӀэдзауэ Содом, Ӏаморэ, Адмэ икӀи Цэбоим яхуэкӀуэу ЛэщаӀ нэс.


Мы бзаджагъэ псори гум и кӀуэцӀым къокӀри, цӀыхур мыкъабзэ ящӀ.


Жин бзаджэм иӀыгъ пхъу зиӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ абы зэрыщыӀэр зэрызэхихыу къакӀуэри, абы и лъабжьэм зыщӀидзащ.


Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ