39 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ яхуищӀащ цӀыху псори удзыпцӀэм хагъэтӀысхьэну.
Ӏуэху псори екӀурэ зэтеухуауэ щытын хуейщ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр гузэгъэгъуэм и Тхьэуэ щытщ, Ӏуэху зэхэмыбзым и Тхьэуэ щыткъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я члисэ зэхуэс псоми я Ӏуэху зытетыр апхуэдэщ.
Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну.
– ЩӀакхъуэ дапщэ фэ фиӀэр? ФыкӀуи, феплъыт, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. ЯӀэм еплъри, жаӀащ: – ЩӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ диӀэщ.
Арати, цӀыхухэр гуп-гупу тӀысащ, зы гупыр щэ, зы гупыр щэ ныкъуэ хъууэ.
Ахэр лӀы минитху хуэдиз хъурт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыхухэр щэ ныкъуэ-щэ ныкъуэурэ гупу вгъэтӀыс.
– ЦӀыхухэр евгъэтӀысэх, – жиӀащ Хьисэ. А щӀыпӀэр удзыпцӀэт. Минитху хуэдиз хъу лӀыхэр етӀысэхащ.