36 Къуажэ-жылэ гъунэгъухэм кӀуэуэ, гъуэмылэ къыщащэхун щхьэкӀэ цӀыхухэр утӀыпщ, яшхын яӀэкъыми.
АрщхьэкӀэ Хьисэ а цӀыхубзым зы псалъи жриӀакъым, зы жэуапи иритыжакъым. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мыр кӀийуэ ди ужь йомыгъэту, утӀыпщ.
– ЦӀыхухэр къызэрыптезэрыгуар плъагъу пэтрэ, «Хэт къызэӀусар?» жыпӀэу сыт ущӀыщӀэупщӀэр? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
Хьисэ къызэригъэзэжар и унэкъуэшхэм щызэхахым, «Абы зищӀэжыркъым», жаӀэри, къашэжыну дэкӀащ.
Апхуэдэу щыжиӀэм, Петр Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, жиӀар хуимыдэу щӀидзащ: – Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщӀ хъунукъым.
Махуэр щыхэкӀуатэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр пхыдзащ, махуэри хэкӀуэтащ.
– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ДыкӀуэу, динар щитӀым и уасэ щӀакхъуэ къэтщэхун, мы цӀыхухэм едгъэшхын щхьэкӀэ? – къеупщӀащ адрейхэр.