32 Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.
Хьисэ цӀыху гупышхуэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ, гуэл адрыщӀым щыӀэ Вифсайдэ къалэм кӀуэн щхьэкӀэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр цӀыхухэм къахэкӀщ, ар зэрыс кхъуафэжьейм итӀысхьэри дежьащ. НэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэри ящӀыгъут.
Арати, цӀыху гупышхуэр къытемызэрыгуэн щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ зы кхъуафэжьей хьэзыр езым щхьэкӀэ гуэл Ӏуфэм щаӀыгъыну.
Ахэр кхъуафэжьейм ису зэрыӀукӀыр ялъагъуащ цӀыхухэм, куэдми къацӀыхужащ. Къалэ псоми дэс цӀыхухэр лъэсу къыдэжщ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ кхъуафэжьейкӀэ здэкӀуэ щӀыпӀэм нэмыс щӀыкӀэ, езыхэр нэсри щызэхуэсащ.
Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ,
Галилей гуэлым (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ.