30 Апостолхэр Хьисэ деж къыщызэхуэсыжащ икӀи ялэжьа псори цӀыхухэм ирагъэщӀа псори хуаӀуэтэжащ.
Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.
А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;
ПӀалъэр къыщысым, апостол пщыкӀутӀыр и гъусэу, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.
– ФӀэщхъуныгъэу диӀэм къытхухэгъахъуэ, – къыжраӀащ апостолхэм Зиусхьэным.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху блыщӀым гуфӀэгъуэр яӀэу къагъэзэжри, жаӀащ: – Зиусхьэн, уэ уи цӀэр щыжытӀэкӀэ, жин бзаджэхэри ди ӀэмыщӀэ илъ мэхъу.
Пхъэидзэ ящӀри, Матфий и пхъэр къикӀащ. Апостол пщыкӀузым я гъусэу, Матфий апостол хъуащ апхуэдэу.
Апостолхэм ар яжезыӀэжар мы цӀыхубзхэрщ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Иуаннэ, Екъуб и анэ Мэрием, абыхэм я гъуса адрей цӀыхубзхэр.
Нэху зэрыщу, и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэщ, абыхэм ящыщ цӀыху пщыкӀутӀ къыхихри, апостол яфӀищащ. А апостолхэр мыхэращ:
ЦӀыху пщыкӀутӀ игъэуващ. Ахэр къыщӀигъэувар игъусэн икӀи цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм ирагъэдэӀуэну игъэкӀуэн щхьэкӀэщ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм къэхъуар щызэхахым, къакӀуэщ, Иуан и хьэдэр яхьыжри, кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ.
УнэӀутым Исхьэкъ хуиӀуэтэжащ езым ищӀа псори.