26 Ар щызэхихым, пащтыхьыр хуабжьу къэнэщхъеящ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, и псалъэм текӀ хъужынутэкъым.
Пащтыхьым ар щызэхихым, хуабжьу гущӀыхьэ щыхъуащ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, хъыджэбзыр зыхуейр иратыну унафэ ищӀри,
Арати, хъыджэбзыр унэм къыщӀэлъэдэжри, пащтыхьым жриӀащ: – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт иджыпсту.
Арати, Иуан и щхьэр къихьыну унафэ хуищӀри, зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ асыхьэт дыдэм.