Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 6:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ!

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 6:2
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

журтхэм къыпадзыжащ: – Исуф и къуэ Хьисэкъэ мыр, зи адэмрэ зи анэмрэ тцӀыхуракъэ? «Сэ уафэм сыкъехащ» щхьэ жиӀэрэ?


– Мы лӀыр емыджауэ, мыпхуэдиз щӀэныгъэ дэнэ къриха? – ягъэщӀагъуэу жаӀащ журтхэм.


Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ,


ЦӀыху псоми щӀыхь къыхуащӀурэ, Хьисэ абыхэм я синэгуэгухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт.


Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.


А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.


ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ