17 Ирод ар щӀыжиӀар мыращ: ФилиппкӀэ зэджэ езым и къуэшыр псэу пэтми, Ирод а Филиппым и фыз Иродиадэ зи цӀэр къишэжат.
Иуан, лъэхъуэщым щӀэсу Хьисэ илэжьа Ӏуэхухэм я хъыбарыр щызэхихым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ игъакӀуэри,
Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.
Иуан лъэхъуэщым щӀадзауэ хъыбар щызэхихым, Хьисэ Галилей хэкум кӀуащ.
Ар щызэхихым, Ирод жиӀащ: – Зи щхьэр пезгъэупщӀа Иуаныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.
А зэманым Иуан лъэхъуэщым щӀадзащӀыкӀэтэкъым.