Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 6:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 – Ар Иляс бегъымбарырщ, – жаӀэрт нэгъуэщӀ цӀыхухэми. – Ар бегъымбар гуэрщ, пасэрей бегъымбархэм яхуэдэу, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 6:15
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – къыжраӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. Бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.


– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.


– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.


А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ: – Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.


Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.


Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?


– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


НэгъуэщӀ гуэрхэми мыпхуэдэу жаӀэрт: – Иляс бегъымбарыр къэхутащ. – Пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжащ, – жаӀэрт адрейхэми.


Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.


ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.


Ар щызэхихым, Ирод жиӀащ: – Зи щхьэр пезгъэупщӀа Иуаныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ