Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 6:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 6:14
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,


Фарисейхэм* ящыщ гуэрхэр абы ирихьэлӀэу къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къэбгынэ, Ирод пщым и цӀыхухэм уаригъэукӀынущи.


Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.


– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – къыжраӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. Бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.


АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.


Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ