9 Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Си цӀэр дзэщ, – жэуап итыжащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ куэд дохъу.
– Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ а лӀым Хьисэ. – Си цӀэр дзэщ, – жиӀащ абы. Ар щӀыжиӀар жин бзаджэ куэд хыхьауэ хэсти, аращ.
Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ абдежым щысу ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, къэшынащ.
Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.
А лӀым апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ ар зыӀыгъ жин бзаджэм «Уэ, жин бзаджэ, мы лӀым хэкӀыж!» жриӀати, аращ.
А хэкум иримыхуну, жин бзаджэхэр хуабжьу къелъэӀуащ Хьисэ.