36 Абыхэм жаӀар зэрызэхихыу, Хьисэ синэгуэгу пашэм жриӀащ: – Умышынэ, фӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей.
Ар щызэхихым, Хьисэ Иаир жриӀащ: – Умышынэ уэ. ФӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей. Уи пхъур къэхъужынущ.
– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.
– «Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ», жыбоӀэ-тӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – ФӀэщхъуныгъэ зиӀэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.
– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!
– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
Хьисэ а псалъэхэр цӀыхухэм щажриӀэм, пашэ гуэр къыбгъэдыхьэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Си пхъур малӀэри телъщ, ауэ унакӀуэрэ, уи Ӏэр теплъхьэмэ, ар лӀэнукъым.
Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къэкӀуащ. Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри,