Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 5:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Арати, Хьисэ абы и гъусэу кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ къыеувэкӀыурэ, Хьисэ щӀыгъуу кӀуэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 5:24
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ЦӀыхухэр къызэрыптезэрыгуар плъагъу пэтрэ, «Хэт къызэӀусар?» жыпӀэу сыт ущӀыщӀэупщӀэр? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм.


Абыхэм я гъусэу кӀуащ Хьисэ. Дзэ пашэм и унэм пэгъунэгъу щыхъум, абы и ныбжьэгъухэр къыпригъажьэри, Хьисэ къажрыригъэӀащ: – Зи щӀыхь ин, гугъу зумыгъэхь, си унэм уэ уныщӀыхьэну сэ схуэфащэкъым.


Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


Хьисэ и щыфэлӀыфэ зригъэлъагъуну хуеят ар, арщхьэкӀэ езыр лӀы лъахъшэ цӀыкӀути, цӀыху гупышхуэм яхэту зыри илъагъун лъэкӀакъым.


Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.


– Хэт къызэӀусар? – жиӀащ Хьисэ. Зыми зыщамыумысым, Петр жиӀащ: – Гъуазэ, цӀыхухэм укъаувыхьауэ къызэрыптезэрыгуэр плъагъуркъэ?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ илъэс пщыкӀутӀ хуэдиз зи ныбжь ипхъу закъуэр, и псэ пыт къудейуэ, сымаджэу хэлът. Арати, Хьисэ Иаир и унэм щыкӀуэм, цӀыху гупышхуэр къытезэрыгуащ.


быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!


Абыхэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы куэдрэ щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт.


ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ абы яжриӀащ: – Иджырей цӀыхухэр бзаджэщ. Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа, Тхьэм абыхэм нэгъуэщӀ нэщэнэ къаритынукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ