Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 5:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 5:23
26 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.


Дыгъэр щыкъухьэм, узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зиӀэ сымаджэ псори Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ псоми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, и Ӏэр трилъхьэурэ, игъэхъужырт.


я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.


Публий и адэр плъыржьэрымрэ ныбэузымрэ зэщӀаубыдауэ пӀэм хэлът. Паул сымаджэм деж щӀыхьэщ, Тхьэм хуелъэӀущ, и Ӏэхэр трилъхьэри игъэхъужащ.


Синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Хьисэ Симон и унэм щӀыхьащ. Симон и щыкъу анэр плъыржьэр гуащӀэм хуабжьу хигъэзыхьауэ пӀэм хэлът. Ар игъэхъужыну Хьисэ елъэӀуащ.


Хьисэ нэфым и Ӏэр иубыдри, жылэм дишащ. Нэфым и нэхэм щӀэубжьытхэщ, и Ӏэхэр трилъхьэри, абы еупщӀащ Хьисэ: – Зыгуэр плъагъурэ?


ЛӀы дэгу, бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашэри, и Ӏэр абы трилъхьэну, Хьисэ къелъэӀуащ.


Куэбжэм щынэсым, хьэдэ къыдахыу ӀущӀащ. Ар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэрт. А къалэм щыщ цӀыху куэд и гъусэт фызабэм.


Жин бзаджэ куэд цӀыхухэм хахурт икӀи сымаджэ куэд дагъэ щахуэурэ ягъэхъужырт абыхэм.


И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.


Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.


Арати, Ананий а унэм кӀуэри щӀыхьащ. И Ӏэхэр Щаул и щхьэм трилъхьэри, жиӀащ: – Щаул, си къуэш, уэ мыбы укъыщыкӀуэм щыгъуэ Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум къыщыпхуэхутам сыкъигъэкӀуащ, уэ уи нэхэр къэплъэжын икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уи гум кууэ хыхьэн щхьэкӀэ.


Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ.


Арати, зэшыпхъуитӀым Хьисэ лӀыкӀуэ хуагъакӀуэри жраӀащ: – Зиусхьэн! Уэ фӀыуэ плъагъур сымаджэщ.


Арати, Хьисэ абы и гъусэу кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ къыеувэкӀыурэ, Хьисэ щӀыгъуу кӀуэрт.


Апхуэдэу щыхъум, Петррэ Иуанрэ я Ӏэхэр абыхэм тралъхьэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум илъ хъуащ.


Абы и нэхэр къигъэплъэжын щхьэкӀэ, Ананий и цӀэу лӀы гуэр къыхуэкӀуауэ, и Ӏэхэр къытрилъхьэу илъэгъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ