Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 5:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Иаир зи цӀэ синэгуэгу пашэ гуэр къэкӀуащ. Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 5:22
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ: – Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ.


А цӀыху псоми синэгуэгум и пашэ Сосфен яубыдри, хеящӀэ унэм и бжэӀупэм щакъуащ, ауэ Галлион зыри къыфӀэӀуэхуакъым.


Синэгуэгум и пашэ Крисп, и унагъуэр зэрыщыту и гъусэу, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Коринф къалэм дэс цӀыху куэди Паул едэӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, зрагъэумэхъащ.


Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ ящыщ гуэрхэм еджа нэужь, синэгуэгу пашэхэм зыгуэр ягъакӀуэри жрагъэӀащ: – Ди къуэшхэ, мы цӀыхухэр зэрывгъэгушхуэн псалъэхэр фщӀэмэ, жыфӀэ!


Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.


ЦӀыхубзым къыщыщӀар ищӀэжырти, къэщтарэ кӀэзызу къыбгъэдыхьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, пэжыгъэ псори хуиӀуэтэжащ.


Сэ сы-Иуанщ, мы Ӏуэхухэр зэхэзыхар икӀи зылъэгъуар сэращ. Мы Ӏуэхухэр зэхэсхыу, си нэгу щӀэкӀа нэужь, ахэр сэзыгъэлъагъуа мелыӀычыр згъэлъэпӀэну и лъакъуэхэм деж зыщездзыхащ.


Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


Синэгуэгу пашэм и унэм щынэсым, цӀыхухэр зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу, пыхьэу илъэгъуащ Хьисэ.


Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ