17 ЦӀыхухэм ар щызэхахым, я хэкур ибгынэну Хьисэ къелъэӀуащ.
Арати, къалэм дэс псори Хьисэ къыпежьащ. Хьисэ щалъагъум, я хэкур ибгынэну къелъэӀуащ ахэр.
– Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхун щхьэкӀэ укъэкӀуа уэ? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ. Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.
Ахэр къакӀуэри, къелъэӀуащ, «Губгъэн къэтхуэвмыщӀ», жаӀэри. Лъэхъуэщым къыщӀашыжри, къалэм дэкӀыжыну елъэӀуащ.
Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.
Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.
МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!
ИтӀанэ Абимэлэх жриӀащ Исхьэкъ: – ТхэкӀ дэ; уэ ухъуащ дэ нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъэщ.