14 Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэми щаӀуэтэжащ, къэхъуар зрагъэлъагъуну цӀыхухэр къэкӀуащ.
Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ.
Ауэ кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжщ, къалэм дэлъэдэжри, къэхъуа псори жин бзаджэм иӀыгъ лӀитӀым къащыщӀари яӀуэтэжащ.
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. Жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъыхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. Хъушэр кхъуэ минитӀ хуэдиз хъурт.
Ахэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, жин бзаджэхэр зыхэкӀыжа лӀыр хуэпауэ, и акъыл къихьэжауэ абдежым щысу ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, къэшынащ.