Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 5:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. Жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъыхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. Хъушэр кхъуэ минитӀ хуэдиз хъурт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 5:13
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А илъэс миныр дэкӀа нэужь, шейтӀаныр лъэхъуэщым къыщӀагъэкӀыжынущ.


Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ Аполлионщ.


Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


– ФыкӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Ар щыжиӀэм, жин бзаджэхэр лӀыхэм яхэкӀыжри, кхъуэхэм япкъхэм хыхьащ. Кхъуэхэм япкъхэм щыхыхьэм, кхъуэ хъушэшхуэр зэрыщыту Ӏуащхьэ нэпкъым къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ.


– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.


Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Кхъуэхэм я деж дыгъакӀуи, абыхэм я пкъыхэм дахыгъыхьэ.


Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэми щаӀуэтэжащ, къэхъуар зрагъэлъагъуну цӀыхухэр къэкӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ