6 ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, къыхэпсар исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.
Дыгъэр къыщӀокӀ, къыдокӀуэтей, хуабэ дыдэ мэхъу. Хуабэм удзыр егъэгъу. Удз гъэгъар полъэлъыжри, и дахагъэр мэкӀуэдыж. Апхуэдэ дыдэу къулейри, и Ӏуэхухэм ятхьэкъуауэ, кӀуэдыжынущ.
ИгъащӀэкӀэ мэжэлӀэжынукъым, псыи хуэлӀэжынукъым. Дыгъэри хуабагъэшхуэри абыхэм къегуэуэжынукъым.
ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр.
КӀуэдыпӀэм и гъуэгу тет цӀыхухэр сыт хуэдэ бзаджагъэкӀи игъэпцӀэнущ. Ахэр щӀэкӀуэдыр, мыкӀуэду зыкърагъэлын щхьэкӀэ, щыпкъагъэр фӀыуэ ялъагъун зэрамыдар арщ.
Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.
ар фи фӀэщ зэрыхъуамкӀэ Мэссихь фи псэм щыщын щхьэкӀэ.
ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ.
ЩӀыр къызэмэщӀэкӀ мывалъэм хэлъэлъащ жылэм щыщ. ЩӀыр куутэкъыми, щӀэх дыдэу къыхэжащ жылэр,
А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм зыкъаужьщ, жылэм къикӀыкӀар ятхьэлэри, зыри къыпагъэкӀакъым.