Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 4:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 4:34
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.


ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


А псори Хьисэ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ ягуригъэӀуащ. Ущие хъыбар хэмыту зыри яжриӀэртэкъым.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яжриӀащ Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар куэдкӀэ, зэхащӀыкӀын зэралъэкӀынум хуэдэу.


Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар къажриӀащ, ауэ абы къикӀыр къагурыӀуакъым.


Махуэ гуэр хахри, Паул зыщӀэс унэм цӀыху гупышхуэ къэкӀуащ. Пщэдджыжьым щыщӀэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр ягуригъаӀуэурэ, Паул а тепщэныгъэшхуэм щыхьэт хуэхъуащ. Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ, Паул Хьисэ теухуауэ жиӀэхэр я фӀэщ ищӀыным хэтт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ