31 Ар зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Хаса нэуж, ар хьэдзэ псоми я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ.
Апхуэдэу, Зиусхьэным и псалъэхэм ину заубгъуурэ, цӀыху нэхъыбэм ялъэӀэсащ.
Ар щызэхахым, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀащ абыхэм. Паул къыжраӀащ итӀанэ: – Ди къуэш, журтхэм ящыщ мин бжыгъэхэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуари Мусэ и Торэт хабзэм я фӀэщу зэрыхэтри уолъагъу.
ЦӀыху нэхъыбэ, цӀыхухъууи цӀыхубзуи, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуурэ, абыхэм ягухьэ зэпытт.
Петррэ Иуанрэ хъыбару яӀуатэр зэхэзыхахэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Абыхэм я бжыгъэр цӀыху минитху хуэдиз хъуащ.
Петр и псалъэхэм еувэлӀахэм зрагъэумэхъащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм минищ хуэдиз хэхъуащ а махуэм.
Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым едгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Хьэмэрэ сыт хуэдэ ущие хъыбаркӀэ къэдгъэнэхуэн ар зыхуэдэр?
Ауэ щӀым хаса нэужь, къокӀри, зы илъэс зи ныбжь къэкӀыгъэ псоми нэхърэ нэхъ ин мэхъу. И жьауэм къуалэбзухэм зыщахъумэн ялъэкӀыну, къудамэ инхэри къыпокӀэ абы.
– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.