24 Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Зэхэфхыр фи гум ивубыдэ. Фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ, нэхъыби къыфхухигъэхъуэнущ.
Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.
Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъыж. Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэу и гугъэри Ӏихыжынущ абы.
ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.
Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.
Сэ жыхуэсӀэр мыращ: МащӀэ тезысэм мащӀэщ къихыжынур. Куэд тезысэм куэд къихыжынущ.
Си мэлхэр си макъым йодаӀуэ. Сэ ахэр соцӀыху, езыхэри си ужь иту къокӀуэ.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.
Зы пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ абы и ужькӀэ. А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Мы мэл хъушэм щымыщу нэгъуэщӀ мэлхэри сиӀэщ. Ахэри си деж къэсшэн хуейщ, ахэри си макъым къедэӀуэнущ. Псори зы мэл хъушэрэ зы мэлыхъуэрэ хъунущ.
ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.
КъалъхуагъащӀэ сабийхэр анэ быдзышэм зэрыщӀэхъуэпсым хуэдэу, фэри Тхьэм и псалъэу шэ къабзэм хуэдэхэм фыщӀэхъуэпс, абыхэмкӀэ фыхэхъуэурэ, фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ.