Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 4:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах, ящтэ икӀи фӀыгъуэ къадокӀуэ, – е хуэдэ щэщӀ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдищэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 4:20
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀым, хэхъуэурэ, щхьэмыжхэр къапыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ, адрей гуэдз хьэдзэр хьэдзэ хыщӀ, адрейри хьэдзищэ хъуащ.


НэгъуэщӀ зыри щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэхихыу зэхэзыщӀыкӀыр. Абы фӀыгъуэ къыпокӀ, – е хуэдищэ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдэ щэщӀ.


А псори фхэлъмэ икӀи ахэр вгъэбагъуэмэ, зыгуэр къывэмыуалӀэу, фӀы гуэри къыфдэмыкӀуэу къэнэнкъым, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь нэхъ благъэ фыхуэхъунущ.


Исхьэкъ а щӀыналъэм итӀысхьащ, гъавэ щисэри къытрихащ а гъэм хьэуэ хуэдищэкӀэ нэхъыбэ: апхуэдэу и нэфӀ къыщыхуащ абы Зиусхьэным.


Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ.


Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


ИкӀэм-икӀэжым, ди къуэшхэ, мыр нывжызоӀэ. Тхьэм игу фрихьын щхьэкӀэ, фызэрыпсэун хуейр фэдгъэщӀащ. Апхуэдэуи фопсэу. Апхуэдэу сыт щыгъуи фыпсэуну Мэссихь Хьисэ и цӀэкӀэ дыныволъэӀу икӀи фхудогъэбыдэ.


Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.


А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъалъэщ, къэкӀри, щхьэмыжхэр къыпыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзищэ хъуащ, адрейр гуэдз хьэдзэ хыщӀ хъуащ, ещанэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ.


Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ