Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 3:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 3:3
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.


ЦӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀам щхьэкӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшхэм я нэхъыбэм ягухэр утӀыпщауэ, мышынэу, Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ.


ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.


Ауэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, Хьисэ зи Ӏэр гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ. Къэтэджыри, лӀыр утыкум къиуващ.


Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?


Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.


Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр? Фарисейхэм заущэхужащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ