Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 3:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Ауэ, ар хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым игъащӀэкӀэ къыхуэгъунукъым, ар мыгъужын гуэныхькӀэ къуаншэ мэхъу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 3:29
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.


А цӀыхухэр Зиусхьэным и напэмрэ щӀыхьышхуэ зиӀэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ япэжыжьэу, мыухыж кӀуэдыныгъэр Тхьэм Ӏыхьэ яхуищӀынущ.


Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.


Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.


Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.


Ар Хьисэ щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм ягукӀэ жаӀащ: – Мы лӀым Тхьэр егъэпцӀ.


Хьисэ «Жин бзаджэм ар иӀыгъщ» жаӀэу абыхэм езым теухуауэ къызэрыжаӀарщ абы а псалъэр щӀыжиӀар.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ