28 Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхухэм я гуэныхь псори къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, Тхьэр сыт хуэдизкӀэ ягъэпцӀми.
И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым.
Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.
Ар Хьисэ щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм ягукӀэ жаӀащ: – Мы лӀым Тхьэр егъэпцӀ.