27 ЛӀы къарууфӀэ гуэрым и унэм щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зыми лъэкӀынукъым, а лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхэмэ. А лӀыр ипхмэ, и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.
– Абы ещхьу, лӀы къарууфӀэ гуэрым и унэ щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зылъэкӀынур хэт, лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхмэ? А лӀыр ипхэмэ, абы и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.
Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.
Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.
– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.
А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ,
Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.