24 Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.
А псори зы ирехъу. Уэ, си Адэ, уи псэм сыщыщу, уэри си псэм узэрыщыщым хуэдэу, дэ абыхэми я псэм дыщыщ пщӀыну сынолъэӀу. Уэ сыкъызэрыбгъэкӀуар дунейм и цӀыхухэм я фӀэщ хъунущ итӀанэ.
Ауэ Хьисэ, абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, яжриӀащ: – Дэтхэнэ къэралри, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, зэхэкъутэнущ. Абы ещхьу, ар ирекъалэ е иреунагъуэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, щыӀэжын лъэкӀынукъым.
Арати, Хьисэ ахэр къриджэри, ущие хъыбархэмкӀэ яжриӀащ: – ШейтӀаным дауэ шейтӀаныр цӀыху гуэрым зэрыхихужыфынур?
Абы ещхьу, зы унэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.