17 Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ (абыхэм Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Воанергес яфӀищащ; абы къикӀыр «Щыблэм и къуэхэр» жиӀэу арщ).
Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.
Петр, Екъуб, Иуан сымэ здишэу кӀуа нэужь, Хьисэ нэщхъей хъури, гузавэу щӀидзащ.
Петр, Екъуб, абы и къуэш Иуан сымэ фӀэкӀа зыри зыщӀимыгъуу, Хьисэ гъуэгу техьащ.
Ирод пащтыхьым члисэ зэхуэсым щыщ цӀыху гуэрхэр яригъэубыдри, и заулӀхэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ярыригъащӀэу щӀидзащ а махуэхэм.
Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.
Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ дызэрынолъэӀунур къытхуэпщӀэну дыхуейщ.
Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петр, Екъуб, Иуан сымэ зыщӀигъури, бгы лъагэм щхьэхуэу дишащ. Абыхэм я пащхьэм Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абдежым.
Мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Къэрал Ӏэджэми, лъэпкъ Ӏэджэми, бзэ Ӏэджэми, пащтыхь Ӏэджэми ятеухуауэ Тхьэм уи гум кърилъхьа хъыбару къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэр цӀыхухэм яхуэпӀуэтэн хуейщ.
АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.
Хьисэ игъэува цӀыху пщыкӀутӀыр мыхэращ: Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар;
Индрис, Филипп, Варфоломей, Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,
Ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Екъубрэ Иуанрэ жаӀащ: – Зиусхьэн, уафэм мафӀэ къехыу мы цӀыхухэр исыну жытӀэн?