27 Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм щэбэт махуэр цӀыхум щхьэкӀэ игъэуващ, цӀыхур щэбэт махуэм щхьэкӀэкъым къыщӀигъэщӀар.
Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Сэ сынывоупщӀ, щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр?
Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?
Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.
Аращи, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэм и зиусхьэнщ.