2 Щызэхахым, апхуэдизкӀэ цӀыху куэд къызэхуэсати, бжэӀупэм увыпӀэ имыӀэж хъуащ икӀи Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу щӀидзащ Хьисэ.
Хьисэ Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏухьэжащ аргуэру. ЦӀыху гупышхуэ къэкӀуащ, Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.
Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.
Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт яхэтыр? «Тхьэм и псалъэхэр уи благъэщ, уэ уи жьэми жьэдэлъщ, уигуми илъщ». А псалъэу фӀэщхъуныгъэм теухуаращ фэдгъащӀэр.
Паулрэ и гъусэхэмрэ, Асие хэкум цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуэн мурадкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хуит имыщӀауэ, Фригиемрэ Галатиемрэ я хэкум зэпрыкӀащ.
Пергие къалэм цӀыхухэр Зиусхьэным и псалъэхэм щрагъэдэӀуа нэужь, Атталие къалэм ехащ.
Стефан мывэкӀэ еуэурэ яукӀа нэужь, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гугъуехь куэд зэрырагъэшэчам къыхэкӀкӀэ, ахэр зэбгрыкӀащ. Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр журтхэм фӀэкӀа зыми хуамыӀуатэурэ, Финикие хэкуми, Кипр хытӀыгуми, Антиохие къалэми нэс кӀуащ ахэр.
Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.
Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.
– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.
Абы и ужькӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэурэ, Хьисэ къалэхэри жылэхэри къызэхикӀухьащ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу.
Къыщагъуэтыжым, жраӀащ: – Уэ цӀыху псоми укъалъыхъуэ.
Къалэм дэс псори бжэӀупэм къыщызэхуэсащ.
ЦӀыхухэр зыумэхъ Иуан лъэхъуэщым щӀадза нэужь, Галилей хэкум кӀуэри, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ:
Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ:
ЖаӀэ: зыгъэлӀэн уз къеуэлӀащ абы, ар къэтэджыжынукъым.
Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.
Хьисэ кхъуафэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, а цӀыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящӀэгъуащ икӀи Ӏуэхугъуэ куэд яригъащӀэу щӀидзащ.
Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.