Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 2:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 УмэхъакӀуэ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ нэщӀ ист. ЦӀыху зыкъом къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэмрэ нэщӀ исщ, уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 2:18
8 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сэ тхьэмахуэ къэс махуитӀ сонэщӀ, къысхэхъуэм и пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ сот».


– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.


Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.


– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.


– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм нэщӀын ялъэкӀыну? Хьэуэ, щауэр я гъусэху, абыхэм нэщӀын ялъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ