Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 2:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 ИтӀанэ Хьисэ Левий и унэм здыщӀэсым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ и ужь иту къэкӀуахэр цӀыху куэд хъурти, аращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 2:15
8 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри гуэныхь зытелъхэри, къанэ щымыӀэу, Хьисэ едэӀуэну къекӀуэлӀащ.


Абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, Хьисэ сэтейм къыщыувыӀащ. И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу гупышхуэ абдежым щытт. Абыхэм нэмыщӀуи, цӀыху гупышхуэ Иудей хэку псоми, Ерусалими, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ зыӀут хы Ӏуфэхэми къикӀыурэ абдежым къыщызэхуэсащ.


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


ИтӀанэ адэкӀэ кӀуэурэ, Алфей и къуэ Левий хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу илъагъури жриӀащ: – Си ужь къиувэ. Левий къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.


Фарисейхэм ящыщ торэт егъэджэкӀуэ пащэхэм Хьисэ хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ ядэшхэу щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьщӀэхэмрэ сыт ар щӀадешхэр?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ