Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 16:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 – Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 16:6
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.


– Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхун щхьэкӀэ укъэкӀуа уэ? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ. Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.


Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ.


Ишай и къуэ Даут и тхьэлъэӀухэр иухащ.


Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къеубжьытхынущ, щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ. ЯукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.


Хьисэ къызэралъагъуу, цӀыху псоми ягъэщӀэгъуащ икӀи къыбгъэдэлъадэри, фӀэхъус кърахащ.


Петр, Екъуб, Иуан сымэ здишэу кӀуа нэужь, Хьисэ нэщхъей хъури, гузавэу щӀидзащ.


Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ