Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Марк 16:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьауэ, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр дэнэкӀи щрагъэдаӀуэрт. Абыхэм къадэӀэпыкъуурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэну езым и псалъэхэм дыщӀигъуу щытахэмкӀэ Зиусхьэным а псалъэхэр игъэщыпкъащ. Ӏэмин.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Марк 16:20
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Паулрэ Варнавэрэ, Зиусхьэным и хъыбарыр тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэурэ, а къалэм куэдрэ зыщаӀэжьащ. Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт техъуэурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри къагъэлъэгъуэну, Ӏуэху телъыджэхэри ялэжьыну Паулрэ Варнавэрэ лъэкӀыныгъэ яритащ.


Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.


ЦӀыхухэм я пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд щагъэлъагъуэрт икӀи Ӏуэху телъыджэ куэд щалэжьырт апостолхэм. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори зэгурыӀуауэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм щызэӀущӀэрт.


Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!


Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.


Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


Ди пащхьэм щекӀуэкӀа Ӏуэхухэм я хъыбар ятхыжыным цӀыху куэд хэтащ.


Абыхэм ятхар а Ӏуэхухэм щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ зи нэкӀэ зылъэгъуахэмрэ Тхьэм и псалъэхэм хуэлажьэхэмрэ къызэрытхуаӀуэтэжам тетщ.


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ